Л1ар щ1элъхьэным епха гъуэщэныгъэхэр. Жэнэзы нэмэзым и хьукмыр. Л1ам и щ1ыхуэхэр тыжыным и1э мыхьэнэшхуэр. Л1ар гъэт1ылъыжыным ухуэп1ащ1эным и унафэр шэрихьэтым. Л1ар ягъэт1ылъыжы иужьк1э абым ехьэл1ауэ шэрихьэтым къак1уэмрэ къэмык1уэмрэ.
Хьэдис к1ыхь кхъэм и ф1ыгъуэмрэ и хьэзабымрэ тепсэлъыхьым Бэра1 бин Гьазиб къи1уэтэжам и мыхьэнэр.
Ахърэт махуэр 09 Ахърэтыр/ Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ф1агъхэр. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, ф1ыуэ плъагъуныр, ар ипэжып1эк1э ф1ыуэ зылъагъумрэ пц1ы зыусымрэ. 1ум Мэгьбэд и хьэдисым и мыхьэнэмрэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и теплъэмрэ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и 1эдэбымрэ и щэнымрэ.
Ахърэт махуэр 10 - 1 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и л1ыгъэмрэ и щэн лъап1эмрэ и щапхъэхэр. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сэхьабэхэм сэлям зэрырихыжамрэ сымаджэ зэрыхъуамрэ.
Ахърэт махуэр 11 - 2 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и узыр нэхъ хьэлъэ зэрыхъуар и псэр хэк1ыным махуипл1 и1эжу. Абу Бэкр нэмэзым имаму щытыну уэсят зэрищ1ар. И щхьэгъусэхэмрэ и унагъуэмрэ сэлям зэрырихыжар. Рэбигъ аль-1эуэл мазэм и пщык1ут махуэм блыщхьэм пщэдджыжьыр хэк1уэтауэ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжащ илъэс 63....
Къемэт махуэм теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр Къемэт махуэм и нэщэнэхэмрэ ахэр инрэ ц1ык1урэ у зэрыгуэшар.
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр: пэжыгъэр зэрык1уэдынур, унафэм хуэмыгъэза ц1ыхухэр унафэщ1 зэрыхъунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, зинэр куэд хъунущ, риба куэд зэрыхъунур, нэгъуэщ1хэри.
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: чэф къозыт фадэхэр куэд хъунущ, ахэр хьэлэл хъуауэ жа1энущ, нэгъуэщ1 ц1эхэмк1э еджэу щ1адзэнущ, мэжджытхэр егъэлеяуэ ягъэдахэурэ зэпеуэу абык1э щ1адзэнущ, унэу ящ1хэр лъагэ дыдэу драгъэк1уеинущ, пщыл1 фызым и унафэр зыщ1 унэ гуащэр къилъхужынущ, ук1ыныр куэд хъунущ.
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: уахътэр зэщык1уэтэнущ, сатур апхуэдизк1э куэд хъунущи, бзылъхугъэр и л1ым дэ1эпыкъуу хъунущ, 1ыхьлыхэр зэк1элъык1уэжынукъым, гъунэгъухэр зэбий хъунущ, щхьэцыр ф1ыц1эу ялэнущ, нэпсеигъэм зиубгъунущ, щ1ым куэрэ зигъэхъей хъунущ, ф1ым тетхэр мащ1э хъунущ, ящ1эхэм фэгъэк1а зыми сэлям ирахыжынукъым, щ1эныгъэр ц1ыху зыхуэмыфащэхэм идеж зрагъэгъуэтынущ.
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: милицэхэмрэ залымыгъэ зезыхьэхэм ядэ1эпыкъухэмрэ куэд хъунущ, хуэпауэ пц1анэ фызхэр къежьэнущ, ц1ыхухэр зэрызэрашэхэр щ1эуэ къежьэнущ, му1миным и пщ1ыхьэп1эр пэжу къыщ1эк1ынущ, мыхъумыщ1эхэр къежьэнущ, пц1ыр куэд хъунущ, пц1ык1э щыхьэт къэзыхьхэмрэ щыхьэт пэжыр щ1эзыхъумэхэмрэ куэд хъунущ, щ1эныгъэр драхьеижынущи щ1эныгъэншагъэм зиубгъунущ, зинэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэр мащ1э хъунущи ц1ыхубзхэр....
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэм щыщ зыбжанэр: зэшэзэп1эу л1эр куэд хъунущ, хьэрыпым я щ1ыгур губгъуэрэ псы ежэхрэ хъужынущ, уэшх куэд къешхыу, ауэ къэк1ыгъэр мащ1эу хъунущ, мывэри, жыгри, хьэк1экхъуэк1эри ц1ыхум къепсэлъэнущ, бэлыхьу къатехьэлъэм къыхэк1ыу л1эныгъэм щ1эхъуэпсынухэщ, джаурхэм зырагъэщхьынущ, зэпык1ыжхэр куэд хъунущ, ц1ыхухъухэм ц1ыхубзхэм зрагъэщхьынущ, ц1ыхубзхэми ц1ыхухъу хэм зырагъэщхьынущ, журтхэм езэуэнухэщи муслъымэнхэр....
Ахърэт махуэр 18 - 1 - Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр - (Адыгэбзэ)
Къемэт махуэм и нэщэнэ инхэр: Мэхди къыкъуэк1ынущ, Гьисэ, Алыхьым и сэлямыр зылъысын, къыкъуэк1ынущ, дыгъэр и къухьэп1эмк1э къэтэджынущ.

API
