"Иманым и пкъыгъуэхэм щыщ зыщ Ахърэт махуэр уи ф1эщ пщ1ыныр, муслъымэнми уеджэ хъунукъым муслъымэну Къур1энымрэ суннэтымрэ къэк1уа а 1уэхугъуэ ущэхуар и ф1эщ мыхъуамэ. Мы дэрсхэм я гугъу тщ1ынущ 1уэхугъуэ зыбжанэм: псэр хэк1ыным ипэк1э, ф1ым тету дунейм ехыжыныр, псэр зэрыхэк1ыр, кхъэр япэрей епсыхыгъуэ, кхъэм и хьэзабыр, бэрзэхъ, бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, дунейм....
Ахърэт махуэр 02 ЛIэныгъэр уигу къэбгъэкIыжIыныр - (Адыгэбзэ)
Ахърэт махуэр 03 Л1эныгъэ уз - (Адыгэбзэ)
"Л1эныгъэм тепсэлъыхь аят зыбжанэм я тэфсирыр. Л1эныгъэ узк1э сымаджэм зы 1уэху закъуэщ ищ1эфынур – бэшэчыныгъэ зыхигъэлъыныр, абык1э псапэ къихьынущ, Алыхьыри аразы къыхуэхъунущ. Сымаджэм узэрык1элъык1уэн хуей хабзэхэр. Сымаджэм ук1элъык1уэным псапэу хэлъыр. Сымаджэр езыр зыхуеджэжын хуейщ рукъехэм, е зыгуэр хуеджэн хуейщ. 1эзэ зыф1эзыщыжхэмрэ абыхэм ятхымрэ зыщыхъумэныр. Муслъымэным адрей муслъымэным к1элъызэрихьэн хуей къалэнхэр."
Ахърэт махуэр 04 Ф1ык1э дунейм ехыжыным и нэщэнэхэр - (Адыгэбзэ)
Къалэнхэр т1ууэ гуэшащ: Алыхьым и пщыл1хэм ятрилъхьа къалэнхэр, Алыхьым и пщыл1хэм ехьэл1ауэ зытрилъхьэжа къалэнхэр. Ф1ыхэр пщ1эн хуейщ диным и пкъыгъуэ бгъэзащ1эну уи къалэну щытхэм нэгъуэщ1 ажалыр къэмысу. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и нэщэнэхэм щыщ 1уэхуф1хэм хуэп1ащ1эу мыхъунхэм зыщыхъумэныр, тобэ къэхьыныр. Ф1ым тету дунейм ехыжыным и сэбэпхэм щыщ ф1эщхъуныгъэ тэрэзыр уи1эну,....
Зыми и щхьэ щхьэк1э ф1ым тету дунейм зэрехыжынум и щыхьэт хъуфынукъым. 1ейм тету дунейм зэрехыжынум и сэбэпхэм щыщ: Алыхьым хъыбару къытхуищ1ахэм шэч къытепхьэну, мыхъумыщ1агъэхэм иужьк1э тобэ къомыхьыну, Алыхьым и гущ1эгъуныгъэм ущыгугъыу мыхъумыщ1агъэхэр къомыгъэнэну, ныбжьэгъу мыхъумыщ1эхэр, Алыхьым нэгъуэщ1 зыгуэрым ущыгугъыну, Алыхьым ф1ык1э ущымгугъуну, л1эныгъэм уемыгупсысыну, залымыгъэ зыгуэрым епхыну.
Ахърэт махуэр 06 - (Адыгэбзэ)
Л1эр и псэм зэреджэр и псэр хэк1ын ипэк1э, абы теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр. Псэр зэрыхэк1ым и гугъуехьыр. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ ди бегъымбарымрэ, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысын, 1умэтым и ц1ыху нэхъыф1хэмрэ. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьыр мысылъмэным и гъэкъэбзэжыным зэрепхар. Псэр хэк1ыным ипэ гугъуехьымрэ псэр зэрыхэк1ымрэ. Псэр хэзых мэлэ1ычым....
Л1ар щ1элъхьэным епха гъуэщэныгъэхэр. Жэнэзы нэмэзым и хьукмыр. Л1ам и щ1ыхуэхэр тыжыным и1э мыхьэнэшхуэр. Л1ар гъэт1ылъыжыным ухуэп1ащ1эным и унафэр шэрихьэтым. Л1ар ягъэт1ылъыжы иужьк1э абым ехьэл1ауэ шэрихьэтым къак1уэмрэ къэмык1уэмрэ.
Хьэдис к1ыхь кхъэм и ф1ыгъуэмрэ и хьэзабымрэ тепсэлъыхьым Бэра1 бин Гьазиб къи1уэтэжам и мыхьэнэр.
Ахърэт махуэр 09 Ахърэтыр/ Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и ф1агъхэр. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, ф1ыуэ плъагъуныр, ар ипэжып1эк1э ф1ыуэ зылъагъумрэ пц1ы зыусымрэ. 1ум Мэгьбэд и хьэдисым и мыхьэнэмрэ бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и теплъэмрэ. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и 1эдэбымрэ и щэнымрэ.
Ахърэт махуэр 10 - 1 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и л1ыгъэмрэ и щэн лъап1эмрэ и щапхъэхэр. Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и сэхьабэхэм сэлям зэрырихыжамрэ сымаджэ зэрыхъуамрэ.
Ахърэт махуэр 11 - 2 - Ахърэтыр/ Бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм зэрехыжар. - (Адыгэбзэ)
Бегъымбарым, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыным, и узыр нэхъ хьэлъэ зэрыхъуар и псэр хэк1ыным махуипл1 и1эжу. Абу Бэкр нэмэзым имаму щытыну уэсят зэрищ1ар. И щхьэгъусэхэмрэ и унагъуэмрэ сэлям зэрырихыжар. Рэбигъ аль-1эуэл мазэм и пщык1ут махуэм блыщхьэм пщэдджыжьыр хэк1уэтауэ бегъымбарыр, Алыхьым и сэлятымрэ и сэлямымрэ зылъысыныр, дунейм ехыжащ илъэс 63....
Къемэт махуэм теухуа аятхэм я мыхьэнэхэр Къемэт махуэм и нэщэнэхэмрэ ахэр инрэ ц1ык1урэ у зэрыгуэшар.
Къемэт махуэм и нэщэнэ ц1ык1ухэр: пэжыгъэр зэрык1уэдынур, унафэм хуэмыгъэза ц1ыхухэр унафэщ1 зэрыхъунур, шэрихьэт щ1эныгъэр зэрык1уэдынур, щ1эныгъэншагъэр куэд зэрыхъунур, зинэр куэд хъунущ, риба куэд зэрыхъунур, нэгъуэщ1хэри.

API
