Къэдыр жэщымрэ иужьрей жэщипщ1ымрэ. Нэхъыбэу 1эхуф1хэр пщ1эну Рэмэдан мазэм и иужьрей махуипщ1ым: игьтикаф, жэщым нэмэз пщ1ыну, Къур1эн уеджэну, Алыхьым зикр хуэпщ1ыну, сэдэкъэ, ф1ым укъыхуеджэну, 1ейм пэжыжьэ пщ1ыну...
Иужьрей жэщипщ1ыр - (Адыгэбзэ)
Игьтикаф - (Адыгэбзэ)
Игьтикафым къик1ыр. Рэмэдан нэщ1 мазэм игьтикаф пщ1ыным и ф1ыгъуэр.Игьтикаф щыпщ1к1э гьибадэ нэхъыбэу пщ1ыну. Игьтикафым и хьукм. Сытым щыгъуэ мэсджытым укъыщ1эк1 хъуну игьтикаф щыпщ1к1э? Унэм игтикаф щыпщ1ыным и хьукм. Нэщ1 мазэм и иужьрей махуипщ1ым игьтикаф пщ1ыным ухущ1экъуныр бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, щапхъэ тепхыу.
Нэщ1 мазэм сэдэкъэ тыныр - (Адыгэбзэ)
"Рэмэданым ят сэдэкъэм и псапэр нэхъыбэщ. Рэмэданым ят зэкатыр. Ниетыр къабзэу Алыхьым папщ1э щытыну сэдэкъэри нэгъуэщ1 1уэхуф1хэри щыпщ1эк1э. Мэлэ1ичхэр щ1олъэ1у сэдэкъэ зытым. Ц1ыхухэр пл1ыуэ гуэшащ: ахъшэрэ щ1эныгъэрэ зи1эр, щ1эныгъэ и1эу ахъшэ зимы1эр, ахъшэ зи1эу щ1эныгъэ зимы1эр, ахъши щ1эныгъи зимы1эр."
Щ1эныгъэр нэщ1 мазэм - (Адыгэбзэ)
"Мысылмэн къэс и щ1эныгъэр зэрыхигъэхъуэным, и уахътэм фейдэ къызэрыхихыным пылъын хуейщ. Щ1эныгъэр зэзгъэгъуэтар абдежым къэувы1э хъунукъым, и щ1эныгъэр ц1ыхухэм янигъэсын хуейщ, и щ1эныгъэм щыщу зэкат итын хуейщ, сыту жып1эмэ, ар нэгъуэщ1 ц1ыхухэм хуэдэкъым. Щ1эныгъэ зи1эр дахэу, щабэу ц1ыхухэм ядызек1уэн хуейщ."
Рэмэданым уи щэныр - (Адыгэбзэ)
"Хьэл дахэм ц1ыхухэм я нэм укъыдре1этей, сыту жып1эмэ ахэм уазэрыдызек1уэращ ялъагъур, уи уаджибхэр (нэмэзыр, нэщ1ыр) уэрэ Алыхьымрэщ зи яку дэлъыр, уи щхьэм ф1ы хуэпщ1эжу аращ абык1э. Ауэ сыт ц1ыхухэм яптри ахэм яхуэпщ1эри? Хьадис лъап1эм же1эр бегъымбарыр, гьэлейхи сэлям, хьэл щы1эм я нэхъыф1ыр нэгъэсауэ къигъэлъэгъуэну къызэрык1уар: «Сэ сыкъигъэк1уащ хьэлым и нэхъыф1ыр....
Уэрэ Рэмэдан мазэмрэ - (Адыгэбзэ)
Щхьэж езыр зыщ1ыреупщ1эж: «Дауэрэ си хьэщ1э лъап1э Рэмэдан мазэм сыпегъуэк1а? Алыхьым шыкур хуэсщ1а Рэмэдан мазэр къэсыху сызэригъэпсэуам щхьэк1э? Зысхъуэжа нэщ1 с1ыгъам иужь? Нэщ1ыр шхынрэ ефэнрэ къэбгъэнэн закъуэра? Мыхъунхэмрэ гуэныхьхэмрэ къэзгъэна? Нэмэзхэр сщ1а? Нэмэзхэр и уахътэм сщ1а? Нэмэзхэр жэмэхьэтым сыхэту сщ1а? Сэрашх закъуэра сызпылъыр пщэдджыжь нэмэзыр сщыгъупщауэ? Нэмэз зымыщ1хэмрэ нэщ1 зымы1ыгъхэмрэ....
Къэдыр жэщыр - (Адыгэбзэ)
Къэдыр жэщыр Рэмэдан мазэм и иужьрей жэщипщ1ым щыщ. Алыхьым абым и гугъу ищ1ащ и тхылъ лъап1эм, абым и ц1эр Къур1эным и сурэм ф1эщащ. А жэщым Алыхьым ухуэл1ыщ1эныр 1уэхушхуэщ, жэщ миным нэхърэ нэхъыф1щ. Сыт хуэдэ жэщра къэдыр жэщыр? Ар Рэмэданым и иужьрей жэщипщ1ым хэтщ, зэпэмыбж жэщхэм нэхъ уежьэну щытщ. А жэщым....
Сэдэкъэ аль-фит1р (Бытыр) - (Адыгэбзэ)
Рэмэданыр щиухым епха 1ухухэм щыщ зыщ сэдэкъэ аль-фит1р, ар мысылмэн къэс телъ фардщ, и унагъуэмрэ езымрэ зыхуеину ерыскъым нэхърэ нэхъыбэ и1эмэ гьид махуэмрэ жэщымрэ. Шхынк1э итын хуей е ахъшэк1э итми хъуну? Щ1эныгъэл1хэм я еплъык1эр зэтек1ащ ахъшэк1э пты хъунрэ мыхъунрэ упщ1эм... Сэдэкъэ аль-фит1рыр зыхуэдизыр... Дапщэ зы сагьым киллограмму илъыр... Сэдэкъэ аль-фит1рыы....
Алыхьым шыкур хуэпщ1ыныр мазэм и ухыгъуэм - (Адыгэбзэ)
Мысылмэным шыкур хуищ1ын хуейщ и Тхьэ Лъап1эм нэщ1 мазэр и1ыгъыну, нэмэз ищ1ыну зэрыхуэлъэк1ам папщ1э. Шыкур зэрытщ1ынымрэ дызэрыгуф1энымрэ мазэр щиухк1э зэдгъэщ1эн хуейщ. Алыхьым жи1ащ: «Шыкур къысхуэфщ1мэ нэхъыбэж къывэстынщ». Алыхьым нэщ1ыр, нэмэзыр, 1уэхуф1хэр къабыл ищ1ыну фелъэ1у, ныкъусаныгъэхэри къыфхуигъэгъуну фелъэ1у...Алыхьым тобэ къыхуэхь, ц1ыхухэм зыгуэр япщ1амэ къыпхуагъэгъуну ялъэ1у... Куэдым Рэмэданым нэщ1 я1ыгъри ит1анэ абым....
Гьидыр - (Адыгэбзэ)
Гьидхэр т1у мэхъу: гьид аль-фит1р, гьид аль-адхьа. Гьид нэмэзым и хьукмыр. Гьид нэмэзым и рэкгьатхэм я бжыгъэр. Бзылъхугъэхэмрэ сабийхэмрэ гьид нэмэзым зэрык1уэхэр. Гьид нэмэзыр пщ1ынымщхьэк1э удэк1ыныр. Гьид махуэм епха хабзэхэр: зыгъэпск1ыныр, щыгъыным и нэхъыф1ыр щыпт1эгъэныр, нэмэзым удэк1ын ипэк1э ушхэныр, лъакъуэк1э нэмэзым ук1уэныр, гъуэгу зэщымыщк1э ук1уэу укъэк1уэжыныр, тэкбир пщ1ыныр, узэк1элъык1уэныр. Рэмэданым....
Шэуал мазэм и махуихым нэщ1 1ыгъын - (Адыгэбзэ)
Шэуал мазэм и махуихым нэщ1 п1ыгъыным псапэшхуэ хэлъщ, бегъымбарым, гьэлейхи сэлям, жи1ащ: «Рэмэданым нэщ1 и1ыгъауэ шэуалым щыщ махуихк1э пызыщэжам илъэск1э нэщ1 и1ыгъам хуэдэщ». Шэуалым и махуихым нэщ1 п1ыгъыным и хьукмыр. Шэуалым и махуихым нэщ1 п1ыгъыным и ф1ыгъуэр.
Рэмэданым епха упщ1эхэр 01 - (Адыгэбзэ)
Дауэрэ узэрыхэщхьэжын хуейр? Япэ ухэщхьэжын хуей е нэмэз пщ1ын хуей? Сытк1э ухэщхьэжмэ нэхъыф1?

API
